Адыгэ просветительствэр 19-нэ лiэщiыгьуэм и кiэухымрэ 20 нэм и пэщiэдзэмрэ сыихъу сэфарбий
Автор: DinaKhash • Январь 6, 2019 • Доклад • 2,144 Слов (9 Страниц) • 344 Просмотры
МИНИСТЕРСТВО ОБРАЗОВАНИЯ И НАУКИ РОССИЙСКОЙ ФЕДЕРАЦИИ
КАБАРДИНО-БАЛКАРСКИЙ ГОСУДАРСТВЕННЫЙ УНИВЕРСИТЕТ
ИМЕНИ Х.М.БЕРБЕКОВА
ИНСТИТУТ ФИЗИКИ И МАТЕМАТИКИ
ФАКУЛЬТЕТ ФИЗИКИ
ДОКЛАД
на тему:
«АДЫГЭ ПРОСВЕТИТЕЛЬСТВЭР 19-НЭ ЛIЭЩIЫГЪУЭМ И КIЭУХЫМРЭ 20-НЭМ И ПЭЩIЭДЗЭМРЭ.
СЫИХЪУ СЭФАРБИЙ»
Преподаватель:
Унатлокова Л.С.
Выполнила:
студентка 1 курса
направление: физика
Хашукаева М. Р.
Нальчик, 2018
СЫИХЪУ СЭФАРБИЙ (1887-1966)
ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэр къихьа щхьэкIэ, адыгэ лъэпкъхэр кIыфIыгъэ хьэлъэм зэрыхэтыр, кIуэдыжыным щIэныгъэншагъэм зэрынихусар зылъагъу, абы къыдэкIуэну насыпыншагъэхэр псэкIэ зэхэзыщIэ щIэныгъэлI щхьэхуэхэр а лъэхъэнэми адыгэхэм къахокI, езы гъащIэм IэмалыншагъэкIэ къегъэщI. Абыхэм ящIэ псэемыблэжу а Iуэхум пасэм елэжьа цIыху пэрытхэр я лъэпкъэгъухэм къазэрыхэкIари, лэжьыгъэ щхьэпэ ирахьэжьахэр псыхэкIуадэ зэрыхъуари, ауэ, апхуэдэу щыт пэтми, абыхэм къагуроIуэ пасэрей узэщIакIуэхэм ирахьэжьа Iуэху иным Iэмал имыIэу пыщэн зэрыхуейри, ар ящIэныр езыхэм я пщэ къызэрыдэхуэри. И гугъуехьи и псэ дыдэми емыблэжу а зэманым адыгэ щIэныгъэм хуэлэжьа щIэныгъэлI гъуэзэджэхэм ящыщ зыщ Сыихъу Сэфарбий. А цIыху гъуэзэджэм и гъащIэ псор гугъуехьымрэ бэлыхьымрэ хэмыкIыу ирихьэкIащ, ауэ и щIалэгъуэм къыщыщIэдзауэ зыхуигъэувыжа и къалэным – зыхэт кIыфIыгъэм и лъэпкъыр къыхэшыным – ар зэикI епцIыжакъым, и гъащIэр зэрыщыту абы тригъэкIуэдащ.
Сыихъу Сэфарбий Хьэцуц и къуэр Кубань областым хыхьэ Бгуащэхьаблэ адыгэ къуажэм щыпсэу мэкъумэшыщIэ унагъуэ къызэрыгуэкIым майм и 4-м 1887 гъэм къыщалъхуащ. Зи гуащIэкIэ псэуж унагъуэм къыхэкIа щIалэ цIыкIур, сабийуэ, илъэсибл фIэкI мыхъуауэ, мэкъумэш лэжьыгъэм пэроувэ икIи IэщIагъэрэ лэжьыгъэу абы имыгъэзащIэрэ фIыуэ зыхимыщIыкIрэ зыри къанэркъым. ИужькIэ езым зэритхыжыгъамкIэ, ар «щывэм выщхьэтест, и адэр чырэ щежьэм гублэщхьэдэст. Ар шкIахъуэуи мэлыхъуэуи щытащ, пщIащ, мэкъу, пхъэ къэзышэр, щхьэлым ягъакIуэр арат. А псом я щIыIужкIи абы хур къихырт, нартыхур къыдичырт, ар къишэжырт, и адэм игъусэу гуарцэ игъэхьэзырырт»1. Ауэ, и насып къокIри, щIэныгъэм и мыхьэнэр къызыгурыIуа и адэм и фIыгъэкIэ, и унагъуэр зыхэт къулеисызыгъэм щхьэкIи къимыгъанэу, и щIалэр абы Мейкъуапэ дэт бгырыс еджапIэм щIегъэтIысхьэ. А илъэситI еджапIэр къиуха нэужь, 1901 гъэм ар техническэ училищэм щIотIысхьэ, ауэ, сымаджэ мэхъури, ар къимыухыу къыщIокIыж. И адэр зыдэIэпхъуа Джамбэчий къуажэм къегъэзэжри, а жылэм и тхьэмадэм и деж илъэс зытIущкIэ щолажьэ.
ЩIэныгъэ нэс зэрыбгъэдэмылъыр къызыгурыIуэжа щIалэр, и къуэш нэхъыжьыр и дэIэпыкъуэгъуу, Кубань егъэджакIуэ семинарием щIотIысхьэ икIи ар абы ехъулIэныгъэфIхэр иIэу 1911 гъэм къеух. Куэд щIауэ и нэ къызыхуикI егъэджакIуэ къалэныр абы и пщэ къыдалъхьэ, а лэжьыгъэри абы пщIэрэ щIыхьрэ иIэу илъэс зыкъомкIэ егъэзащIэ. КъызэрыгуэкI егъэджакIуэу щIэзыдза Сыихъу С. иужькIэ къуажэ зытIущым дэт еджапIэхэм я унафэщIу мэлажьэ. ЩIэныгъэ куу зригъэгъуэтым нэхъ фIэкъабылу, ар иужьыIуэкIэ егъэджакIуэ щагъэхьэзыр институтым щIотIысхьэ, ауэ илъэс фIэкI щемыджэу абы къыщIэкIыжын хуей мэхъу, еджапщIэ зэримытыфам къыхэкIкIэ.
Октябрь революцэм Сыихъу С. гуапэу IущIащ. И хэкум щекIуэкI Iуэху инхэм ар жыджэру хэтащ, а илъэсхэм къулыкъу зэхуэмыдэ куэди абы игъэзэщIащ. 1921 гъэм къызэрагъэпэща Бгырыс исполкомым и тхьэмадэу ар хах, иужьыIуэкIэ Советхэм я 10-нэ съездым и делегату ар ягъакIуэ. И лъэпкъым щIэныгъэ етынымкIэ гупсысэ хьэлэмэт зытетахэр гъащIэм нэсу хипщэныр абы нэхъ къыщехъулIэр Адыгэ облисполкомым лъэпкъ щIэныгъэмкIэ и отделым, Мейкъуапэ дэт педтехникумым я унафэщIу щылэжьа илъэсхэрщ. Алфавит зэхэлъхьэнымкIэ, анэдэлъхубзэмрэ урысыбзэмрэ егъэджынымкIэ зэIущIэ зыбжанэ а зэманхэм екIуэкIахэм псоми ар хэтащ, лъэпкъ еджапIэхэр зыхуэныкъуэ зэджэн тхылъ Iэджэ абы зэхилъхьащ.
...